Си ныбжьэгъум хуэдэ цIыху, КъыщIэкIынкъым зыми фцIыху. Сыщымытхъу сэ, сигу къэмыкI ЩыпхуищIэн къэхъунщ плъэмыкI! ЦIыху джэлауэ къилъэгъуа, Мэгузавэ, дауэ хъуа? Носри ар къегъэтэджыж, ФIыщIи щытхъуи пымылъыж. Уэ машинэр зэIына? Е уи шэрхъ зыгуэр фIэна? НапIэзыпIэм уи деж къос, И Iуэхутхьэбзэр къыплъоIэс. Хун хуейм Iэхъуэм уи жэмыщIэр, Пхудихунщ, къэсынщи псынщIэу. Пщхьэрихам уи пыIэр жьым, Пхъуэнщи къыпхуиубыдыжынщ. Мис апхуэдэщ си ныбжьэгъур, Хэти и дэIэпыкъуэгъур. 09.01.2007
Насыпыншэ ФакъырэIус къыхихыу зы лIыжь гъуэгу Iуфэм Iутти, шууэ блэкI щIалэм зыкъригъэзыхри, лIыжьым нэмыплъ къриту, и нэкIур щIопщкIэ къыхурихулэкIащ: — НасыпыфIэ ухъу! — жиIащ лIыжьым, шууейм кIэлъыплъурэ. А псори зылъэгъуа нэгъуэщI щIалэм зэхихар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу: «Къуршыр уи тэмакъщ», — жиIащ. — Хьэуэ, — педзыж абы и псалъэхэм факъырэм, — а шууейр насыпыфIэу щытамэ, апхуэдэ хабзэншагъэ IэщIэщIэнутэкъым… ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ… Махуэ нэщхъей уэлбанэрилэхэм ящыщ зым ПIытIэкIэ зэджэ щIалэ цIыкIур уэшхым унэм «щIиубыдати», и щхьэ здихьын имыщIэу и адэм и хъуреягъыр къиуфэрэзыхьырт. ПIэщIэгъуэкIэ тхыгъэшхуэ зытхын хуей адэм, и бын пажэм Iэмал лъэпкъ щыхуимыгъуэтым, куэду зэтелъ тхылъымпIэхэм дунейпсо картэр зэрыт сурэтыр къахихщ, цIыкIу-цIыкIуу зэфIитхъри, къуэм иритащ, псори зэрыщытауэ зэхигъэувэжыну унафэ хуищIри. Пэжу, къалэныр тыншхэм ящыщтэкъым, ауэ адэм зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым дакъикъипщI нэхъ тримыгъэкIуадэу щIалэ цIыкIум ар щызэхигъэувэжам. — Ар дауэ? — игъэщIагъуэу щIоупщIэ адэр. — Зыри гугъу хэлътэкъым, — къикIуэтыркъым щIалэ цIыкIури. — Уэ къызэпта дунейпсо картэм и щIыбагъымкIэ цIыху сурэт тетти, мис а цIыху сурэтыр зэпкърыслъхьэжу напэкIуэцIыр къызэзгъэдзэкIыжа иужь дунейри зэтес хъужащ. Лэжьыгъэм щыщIэздзэм сегупсысащ, цIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтес зэрыхъунум. Адэр пыгуфIыкIри, къуэм щабэу Iэ дилъащ. «ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтесщ», — куэдрэ щыкIэрэхъуащ адэм и щхьэм, аращ и тхыгъэм фIищари. Ныбжьэгъу пэж Игъашхэу, илъэс куэдкIэ зыхуей хуэзыгъазэу псэуа лIыр щылIэм, хьэри бгъурыгъуалъхьэри, и псэр хэкIащ. Аращи, уафэм щызэрихьэлIэжа пситIыр «Жэнэт» зытетха куэбжэшхуэм Iутщ, абы и бгъумкIэ «Хьэ уи гъусэу удэмыхьэ» жиIэу нэхъ иныжу тетхэжащ. Арати, цIыхур псэухукIэ и хъуэпсапIэ жэнэтым мыкIуэу, и бгъумкIэ блэкIри, хьэмрэ езымрэ гъуэгу техьэжащ. КIуэм-кIуэурэ, нэгъуэщI зы куэбжи IущIащ, мыбы тетхаIакъым, ауэ зы лIыжь дыдэ и бгъумкIэ щысти: — Ди адэ, къысхуэгъэгъу, мы куэбжэр сыт зейр? — жиIэри еупщIащ. — Жэнэтым, — и щхьэр Iэтауэ къет жэуап лIыжь цIыкIум. — Абы хьэ пщIыгъуу удагъэхьэну? — Ауэ сытми удагъэхьэну! — ИпщэкIэ щыт куэбжэр сыт-тIэ зищIысыр? — Жыхьэнмэщ. Зи ныбжьэгъу хыфIэзымыдзэхэрщ жэнэтым дагъэхьэр. ФIыр зэи кIуэдынукъым И дерс купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа егъэджакIуэр махуэ гуэрым студентхэр зыщIэс пэшым щIыхьэщ, сом щитху иIэтри: «Мы ахъшэм хуей къыфхэтмэ, изот», — щыжиIэм, пэшым цIыхуу щIэсым я Iэр яIэтащ. — Ар фэстын и пэ къихуэу, — жиIэри егъэджакIуэм ахъшэр зэкIуэцIиушкIумпIащ. — Иджыри мы ахъшэм хуей къыфхэт? — къытрегъэзэж абы и упщIэм. Аргуэру псоми я Iэр яIэтащ. «Арамэ», — жеIэри, ахъшэр хыфIедзэ, вакъэкIэ и гущIыIум йоувэж. ЕгъэджакIуэм къещтэж ахъшэ фIей ныкъуэчатхъэр, ушкIумпIар. «Иджыри зэ сынывоупщIыж, мыбы хуей къыфхэт?». ЗэгурыIуа хуэдэ, псоми я Iэр къаIэт. — Ныбжьэгъу лъапIэхэ, — кърегъажьэ егъэджакIуэм, — фэ иджыпсту гъащIэм и дерс нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы нэрылъагъу фщыхъуащ. Сыт езмыщIами, мы ахъшэм фэ фщыщ дэтхэнэри хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыфIеи щыкъабзи, ахъшэм и мыхьэнэм зихъуэжакъым, ар зэрысом щитхуу къэнэжащ. ГъащIэм куэд дыдэрэ къытхуохуэ гублащхьэм дыкъыщехуэх, дыщыхаутэ, дыщыхагъащIэ. Ауэ уи фIыр зэи кIуэдынукъым. ФIыуэ укъэзылъагъухэм я дежкIэ уэ улъапIэщ. Щэху ЗэгъунэгъуитI псэурти, зым сыт щыгъуи псалъэмакъыр я унэм имыкIрэ зэщхьэгъуситIыр зэгурымыIуэу екIуэкIырт, адрейр зэгурыIуэрэ зэдэIужти, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал зимыIэт. Гъунэгъум ефыгъуэкIа фызым и щхьэгъусэр къегъэIущ: — КIуэи къащIэт, сыту пIэрэ абы апхуэдизу зэрахьэр, я унагъуэм зэгурыIуэр щытепщэ зэпыту щытын папщIэ. Гъунэгъум екIуэкIауэ, лIыр щэхуу якIэлъоплъ. Унэгуащэм унэлъэгур къилъэщIурэ пщэфIапIэмкIэ тригъэувар игу къэкIыжри, абыкIэ епIэщIэкIыу щIыхьащ. Щхьэгъусэр унэм къыщыщIыхьэжым, псы зэрыт пэгуным гу лъимытэу, фIэнэри, ирикIутащ. Унэгуащэм ар щилъагъум: — Къысхуэгъэгъу си псэ, сэращ къуаншэр. — ЖыпIэр сыт, нэ сиIамэ, гу лъыстэнт, сэращ къуаншэр, — жи лIыми и фIэщыпсу. А псом кIэлъыплъа лIым игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ унэм кIуэжащ. ЗдэкIуэжам фызыр къыщIэнакIэ щIыкIэу щIоупщIэ: — Сыт, уздэщыIам щыплъэгъуаIа? — Уей, щыслъэгъуам, — къет жэуап лIым, и щхьэр ирихьэхарэ и пыIэ тIэкIур IэкIэ икъузу. — Сыт-тIэ, — тепыIэжыххэркъым щхьэгъусэр. — Псори гурыIуэгъуэщ! Дэ ди унэ псори щызахуэщ, абы я деж псори щыкъуаншэщ.
Конкурс, объявленный среди учащихся 9-11 классов, оказался разнообразен географически, участвовать в нем съехались 160 ребят, причем не только из нашей республики, но и из Карачаево-Черкесии, Адыгеи, Ставропольского края. Основная часть прошла в Национальной библиотеке имени Т. К. Мальбахова, где старшеклассники писали очное сочинение. «Были предложены десять ключевых слов, из которых ребята выбирали те слова, которые они могли бы обыграть, развить и изложить в своих сочинениях. Никаких ограничений не было», – пояснил корреспонденту РИА «Кабардино-Балкария» Мурат Табишев, руководитель ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы имени Кази Атажукина. Он добавил, что конкурс получился интернациональным, участие в нем приняли и представители других национальностей, изучающих адыгэбзэ. За каждое место ребята получат денежные призы, а те счастливчики, кто получил первое место в любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази Атажукина в течение всего года. Помимо этого любой участник конкурса, при условии поступления на факультет черкесского языка, в течение двух лет будет получать вышеназванную стипендию. «Объявление конкурса вызвано желанием стимулировать интерес к изучению своего языка среди подрастающего поколения. Сочинения были оригинальны каждое по-своему, умение изъяснять художественно оформленную мысль среди молодых людей радует, и если среди конкурсантов найдутся желающие поступить на факультет черкесского языка, наша миссия будет выполнена. Во время конкурса о таком желании заявили уже семь человек», – сказал Мурат Табишев. Ассоциация имени Кази Атажукина действует уже на протяжении двух лет, выявляя талантливых подростков и поддерживая интерес к изучению родного языка. © РИА «Кабардино-Балкария», 2014
Синэнэ 1эш1оу синэнэ к1асэм Сэ къыс1уилъхьагъэр сиадыгабз. Сыдэу тхьар еуи зыбзэ к1осагъэм, Лъэпкъым ынапэр иныдэлъфыбз. Нэхэе Р. Сыбзэ – си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1. Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм имэкъамэмэ дунаим хащэ. Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз. Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан. Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр, ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ егъэбагъо, ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ лъэпкъым фэ1орыш1э. Синыдэлъфыбзэу сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у, псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы, жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу. Сиадыгабзэ дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр. Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу къырэк1офэ къинэу ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх. Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан хьылъэхэм ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ. Сэ насыпыгъэшхоу сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу тиадыгэ шъолъыр дахэ къызэринагъэхэр. Сафэраз сыфитэу тыбзэк1э дунаим идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ 1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз. Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм тыфещэ. Синыдэлъфыбзэ лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ. Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал. Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп. Емык1ушхуи умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ, дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы. Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о. Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо. Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э адыгабзэр къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ. Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр! Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!
Стрикачэу Аид я 6-рэ А классым ис еджак1у 2014-рэ илъ. Сочинение ц1ыфэу щысэ къысфэхъурэр. Сабыир иц1ык1угъом щегъэжьагъэу нахьыжьмэ ак1ырэплъы, нахьыжъхэр ищысэтехып1эх. Ц1ыфэу щысэ сфэхъугъэмэ ащыщ адыгэ тхэк1ошхоу К1эрэщэ Тембот. Ащ ытхыгъэ произведениехэр адыгэ прозэм лъапсэ фэхъугъэх. Ащ ирассказхэм, иповестхэм, ироманхэм ц1ыф жъугъэхэр яджэх. Ахэмэ ащыщхэр бзэ зэфэшъхьафхэмк1э – урысыбзэк1э, чехыбзэк1э, тыркубзэк1э къыдэк1ыгъэх. Ижъык1э къыщегъэжьагъэу адыгэхэм къарык1уагъэр, шъхьафитныгъэ банэу лэжьак1охэм аш1ыщтыгъэр ипроизведениехэу «Шыу закъу», «Шапсыгъэ пшъашъ», «Абдзэхэ шэк1ожъыр», «Хьаджырэт» зыфи1охэрэм ык1и нэмык1хэм уз1эпащэу, гъэш1эгъонэу К1эрэщэ Тембот къащигъэлъэгъуагъ. Ащ ытхыгъэмэ литературэм иурокхэм нэ1уасэ тащыфэхъу, игеройхэр тищысэ техып1эх. Писателым ирассказхэм, иповестхэм сяджэнэу сик1ас. Сэри ащ иповестэу «Шапсыгъэ пшъашъ» зыфи1орэм игерой шхьа1эу, хэтрэ пшъашъи зыфэдэнэу фаеу, Гулэз сищысэтехып1. Гулэз – 1уш, губзыгъ, гулъытэ чан и1. Ащ иш1уагъэрэ изэхэш1ык1ырэк1э чылэм дэс пшъашъэмэ къахэщыщтыгъэ. Ыц1э зэрэ1ущтыгъэр дэн-бзэн 1эпэ1эсагъэу хэлъыгъэхэр ары. Идэхагъэк1э пшъашъэмэ къызэрахэщыщтыгъэм фэдэу, шъуашэу ы1апэ къык1эк1ырэри ц1ыфмэ аш1эжьэу гъуащэщтыгъэп. Пшъашъэм ыц1э дэгъугъэк1э зы1угъэ уж, ащ ыдыгъэ щыгъыныр зыщыгъымк1э ц1ыфыгъэ нэшанэу алъытэу, щытхъу шъуашэу зыфалъэгъужьэу хъугъэ. Гулэз къызэрэхъухьэгъэ унагъор мэкъумэщыш1э унэгъуагъ, фэш1ыгъэк1э алъытэрэ унагъомэ ащыщыгъ. Анахьэу Гулэз къэзгъэдахэщтыгъэр иакъыл ичаныгъэрэ ишэныш1уагъэрэ иш1ык1э дахэ аголъыжьэу зэрэщытыгъэр ары. Ащ и1ушыгъэ зэк1эми къахэщыщтыгъэ: и1ок1э-ш1ык1эхэм, изек1уак1эхэм, джэгум Хьатх Мыхьамэт джэуапэу щыритыгъэм. Мы повестым игерой шъхьа1эу Гулэз сыгу ч1ып1эшхо щеубыты, лъэшэу сыгу рехьы, ар сищысэтехып1, ащ фэдэ сыхъунэу сыфай. Мыщ иобраз, тэ ныбжьык1эхэм, 1эдэб тхэлъыным, ц1ыфыгъэм, шъхьэк1эфэныгъэм, 1ушыгъэм тафегъасэ.
Учебно-методическая разработка МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны Эпиграф Узолъагъур си псэм хуэдэу, Къэбэрдейуэ нартыжь хэку, Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у. Къанкъул Ф I ыц I э. Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын. Мурадыр: Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын; Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн; Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън; Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн. 1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур». Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур, И дахагъри хэт зымыщ1эр! Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр. Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум, 1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту. Игу къонэжыр ар зылъагъум, Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту. 2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э». Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм. Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э. 3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ. Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу. Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж. Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж. Бланэ щалъху йок1уэл1эж. Бзури и абгъуэ щытепщэщ. Адыгэ литературэ 3 – нэ класс КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ I920 Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах. I927-I933 БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ. I934-I936 Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу. I936 Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ, I940 Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ I94I I948 Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ. Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной». I95I Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI. I950 «Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI. I955 «Сэлам» усэ тхылъыр. I957 «Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж. I958 Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI. I966 Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI. 4. Словарнэ лэжьыгъэ: Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ. Акъужь – жьапщэ. Гуэн – гъавэ хъумап1э. Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа. 1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса. Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр. 5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн: Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр ! Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу. Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей. Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ. Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ. Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ. Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1. Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у. Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн! Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ. Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт. Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж. Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф. Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей! Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт. Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр! 6. Яджар егъэбыдыл1эн: Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын; Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж; Дызыгъэгуф1эр; Дызэрыгушхуэр; Дызэрыпагэр. Зэгъэпщэныгъэхэр: « Си хэкуу дыщэ губгъуэ» «Къэхъугъэм и епэр» «Кавказым щынэхъ фIыгьуэ» «Лэгъупуэ из мазэгъуэр» «Акъужьыр алъп сэхъуауэ» «Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ, «Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр» «Аузхэм щызэрахуэ Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ» «Къунанхэм пшагъуэ гуартэу» «Хы щхьэфэу мэбырыб» «Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм» Къэгъэпсэуныгъэхэр: «Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ» «Уи ныджэм щопIейтей» «Уи губгъуэр зэрахьащ» «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ». «Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей» «Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ». «1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ» «ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм» Эпитетхэр: «Дыщэ губгъуэ» «Псы 1элхэр» «ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм» «ЩIыпIэ дэгухэм» «Хуэдэншэу уи шу жэрхэм». Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ. Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ. Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ. 7. Урокым и итог: Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ; Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун; Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын 8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.
Гъыщ Хьамед я 6-рэ классым ис еджак1у 2012-рэ илъ. ТЕМЭР: «ТХЫЛЪЭУ СЫЗЭДЖАГЪЭМ СИШIОШЪ КЪЕСЭIУАЛIЭ». Сэ бэ мыш1эу «Адыгэ пшысэхэр» зыфи1орэ тхылъым седжагъ. Ар лъэшэу сыгу рихьыгъ. Пшысэхэр – адыгэ 1оры1уатэмэ ащыщых. Ижъык1э къежьагъэу щытых. Ахэр жэ дэхьэ-дэк1хэу, зым зым фи1отэжьхэзэ джырэ лъэхъан къынэсыгъэх. Сиц1ык1угъом щегъэжьагъэу пшысэмэ сафэщагъ. Джыри еджак1э сыфмыш1эзэ мыхэмэ бэрэ сянэжъ къысфяджэщтыгъэ. Ау джы сэр-сэрэу зэк1эми сяджагъ. Анахьэу пшысэхэр сыгу зэк1ырихьыхэрэр к1эух дэгъу зэря1эр ары. Мыхэмэ сыдигъуи ш1ур ем тек1о. Анахь сш1огъэш1эгъонэу пчъагъэрэ к1эсыджык1ыжьыгъэр «Гъулацый» зыфи1орэ пшысэр ары. Мыщ ч1ып1эшхо щызыубытырэр герой шъхьа1эу хэтыр ары. Ар Гъулацый. Гъулацый ц1ык1у, зэк1эми анахьык1, зэк1эмэ атек1онэу къарыу и1эп, ау акъыл чан и1, ы1орэр илэгъумэ арегъаш1э, ыш1эрэм тырегъахьэх, тхьагъэпц1ы, сыд фэдэрэ къин ыпэк1э къик1ыгъэми ш1эхэу хэк1ып1э къыфегъоты, къарыук1э зыфыримыкъурэм тхьагъэпц1ыгъэк1э дэзек1о. мыр зыфэдэр зэк1э и1к1э-ш1ык1эхэм ахэтэлъагъо: ар к1элэц1ык1ухэм ягъусэу мэзым зыхэгъощыхьэм, чэщыр щырахынэу гъолъып1э къафигъотын ылъэк1ыгъ, ащ нэгъуч1ыцэ ныом иунэ к1элэц1ык1ухэр тххьагъэпц1ыгъэк1э къырищыжьынхэ ылъэк1ыгъ, ежьыри тхьагъэпц1ыгъэк1э къы1эк1эк1ыжьи мылъкоу и1эри къыз1эк1игъэхьан ылъэк1ыгъ, нэгъуч1ыцэми ифэшъуашэ ригъэгъотыгъ. Адрэ пшысэмэ афэдэу мыщи ш1ур ем щытек1о. Сэ пшысэхэр лъэшэу сыгу рехьых, сяджэ зэпытыгъэк1и сязэщыщтэп.
Хэт щыIэн уэр нэхърэ нэхъ гумащIэ, Псэ хьэлэл зыIут, нэхъ гъащIэ мащIэ?.. Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — анэм — и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м нэ-сащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жыла- гъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ. Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, анагъэм и лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, абы и къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ. КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу абрагъуэщ «анэ» псалъэм и мыхьэнэмрэ щIэлъ гурыщIэмрэ. Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Абы и сабийм хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI. Апхуэдизу быныр зи хъуахуэ анэм хуэфэщэн гулъытэ щыхуэдмыщIи къохъу. УсакIуэми гу зэрылъитащи, «жьэгу мафIэм хуэдэ анэ лъагъуныгъэр куэдым къыщалъыхъуэ-жыр щIыIэм щисым дежщ». Дахущывгъэт ди анэхэм гумащIэу, ди псалъэ гуапэрэ дахэрэ хуремыныкъуэ ахэр. Быным я дунейр яхуэзыгъэнэху, я гъащIэр яхуэзыгъэIэфI анэ псоми дохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абы-хэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымыщIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къахуихъумэ. Къардэн Маритэ. Щапхъэ И гум и хуабагъэр быным дапщэщи ялъоIэс Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр хуэгъэзащ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэс Быгуэ (Мэшыкъуэ) Хьэлимэт. Анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, щхьэгъусэ пэжым, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэм гъащIэм щызыхуигъэувыжа къалэнхэм дапщэщи я нэхъыщхьэ дыдэт быным я акъылымрэ гупсысэмрэ убзыхуныр, ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ къыщIэгъэтэджэныр, хьэл дахэрэ щэн екIурэ яхэлъхьэныр. Абыхэм Хьэлимэт къызыхуэтыншэу япэлъэщауэ жыпIэ хъунущ. Хьэлимэт 1941 гъэм Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуу ар къахуэнащ и адэшхуэ-анэшхуэм икIи ахэращ, зэрыжаIэу, «псым ирамыгъэхьыу, мафIэм ирамыгъэсу» къэзыгъэтэджар. Хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэри къыхэзылъхьар адэ-анэ папщIэу къыщхьэщыта а нэхъыжьыфIхэращ. Хъыджэбзыр къэхъуащ жыIэщIэу, Iэдэбу, нэмысыфIэу, тхылъ фIыуэ илъагъуу, еджэным щыпэрыту. Курыт школыр фIы дыдэу 1969 гъэм къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Хьэлимэт хущIэкъуащ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хигъэхъуэну икIи КъБКъУ-м и биологие къудамэм щIэтIысхьэну хуеящ. Ар къыщемыхъулIэм адэшхуэ-анэшхуэм я деж игъэзэжащ, и хъуэпсапIэр етIанэгъэ зригъэхъулIэну и мураду. ГъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ, уэ зэрыжыпIэуи псори хъуркъым. КъыкIэлъыкIуэ гъэмахуэм Хьэлимэт къыпэплъэр нэгъуэщIт: ар унагъуэ ихьащ, Быгуэ Машэ и къуэ Iэбубэчыр щхьэгъусэу игъуэтащ. Адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, бзылъхугъэм пщIэ щыхуащIт Быгуэхэ я унагъуэр. Хьэлимэт пхъу пэлъытэ яхуэхъуат и тхьэмадэ Маши и гуащэ Къэралхъани. НысащIэ цIыкIуми ахэр япищIырт псэкIэ нэхъ пэгъунэгъуу иIа и адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ. ПщIэрэ нэмысрэ яхуищIу, я гумрэ я псэмрэ дыхьэу ядэпсэуащ Хьэлимэт гуащэ-тхьэмадэм. Ахэр сымаджэ щыхъум, хулъэкI псори яхуищIащ, и къаруи зэмани емыблэжу. Къэзылъхуахэм ящхьыу цIыху щыпкъэу, гъэсэныгъэ екIу бгъэдэлъу апхуэдэщ Iэбубэчыри. КъБКъУ-м зоотех-ник IэщIагъэр щызригъэгъуэта нэужь, IэнатIэ хъарзынэхэр иIыгъыу куэдрэ лэжьащ. Ар щытащ Сэрмакъ къуажэм щызэхэт хозяйствэм и зоотехник нэхъыжьу, жылэм и парт зэгухьэныгъэм и пашэу, хозяйствэм и унафэщIым Iэщ гъэхъунымкIэ и къуэдзэу. Зэщхьэгъусэхэр илъэс 46-рэ хъуауэ зэдопсэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, «зым Iэпыхур адрейм къищтэжу» жыхуаIэм хуэдэу. Быгуэхэ я унагъуэр хъуащ лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIымрэ зэхуэгъэкIуатэмрэ я лъахэ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрыт и щхьэгъусэм Хьэлимэт зэрыхъукIэ щхьэщихащ унагъуэ Iуэхухэри быныр пIыным, гъэсэным, егъэджэным епха къалэнхэм ящыщ куэди. Абыхэм къадэкIуэу ар езыри илъэс 20-м нэскIэ щылэжьащ Налшык дэт дэрбзэр фабрикэм Сэрмакъ щиIа къудамэм, и къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу игъэзащIэу. Лэжьыгъэми унагъуэ Iуэхухэми ирагъэшми, анэм и хуабагъэ зымылъа- гъуу къэтэджа бзылъхугъэр быным яхуэупсэфащ и псэ къулеягъымкIэ, лъагъуныгъэ инымкIэ, гулъытэмрэ зэхэщIыкIымкIэ. Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ зэдагъуэта я бынитхуми зэхащIыкIащ адэ-анэр, абыхэм къыхуаIа хъуэпсапIэхэр нахуапIэ ящI. Дэтхэнэми курыт школыр фIы дыдэу къиухащ, дыщэ медалхэр зыхуагъэфэщахэри яхэту. Быным я нэхъыжь Ларисэ и IэщIагъэкIэ доху-тыр-эндокринологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Ар пщIэ хуа- щIу хагъэхьащ Европэм и дохутыр- эндокринологхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ Альберти дохутыр IэщIагъэр къыхихащ. Альберт республикэ сымаджэщым и хирург Iэзэщ, и IэзагъымкIэ категорие нэхъыщхьэ иIэщ. Быным я ещанэ Людмилэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ я егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. «Лэгъупыкъу» сабий центрым и унафэщIым и къуэдзэщ щIалэхэм я етIуанэ Анзор. Быным я нэхъыщIэ Алим и IэщIагъэкIэ инженерщ. Ларисэрэ Альбертрэ унагъуэ дахэ яухуащ, я адэ-анэр я щапхъэу. ЖыпIэнурамэ, зэщхьэгъусэхэм яхузэфIэкIащ я сабиитхум ящыщ дэтхэнэ- ри цIыху нэсу ягъэсэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтын. Бын пIыным щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ Быгуэхэ я унагъуэм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ район, щIыпIэ администрацэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Унагъуэм и махуэм ирихьэлIэу абыхэм къахуэупсащ Зэхуэпэжыныгъэм, лъагъуныгъэм и дамыгъэмкIэ. Хьэлимэт къратащ «Анэм и щIыхь» медалым и 2-нэ нагъыщэр. Апхуэдэ нэхъыжьыфIхэр зи щIыбагъ къыдэт бынми я гур хохъуэ. Анэпсэрэ адэпсэу дунейм тет абыхэм я дежкIэ гъунэ зимыIэ фIыгъуэщ анэм и псалъэ IэфIхэр, адэм и ущие Iущхэр, насыпым ухуэзышэ гъуэгу кIыхьщ а нэхъыжьыфIхэм хухаш лъагъуэр. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу къызэдекIуэкI унагъуэ лъэщым и хъумакIуэхэм, пщIэшхуэрэ нэмысрэ зяку илъу быныфIи зыгъэса Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу! Бзылъхугъэ гумащIэ Хьэлимэт хэ-хауэ дохъуэхъу Анэм и махуэ лъапIэмкIэ. «Анэпсэр ар псынэщ», — жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. ИремыгъущыкI а псынэпс къабзэр — быныпсэм къару яхэзылъхьэр. ЖЫЛАСЭ Маритэ. Дыкъэзылъхуахэм я хьэкъ Адэ-анэ хьэкъыр игъэзэщIэжауэ, Ехыжакъым мы дунейм зы цIыху. Зэрытпшыныжынур ар тщIэжамэ, ГъэзэщIэныр зырикIт, ар мыIуэхут. Балэ Хьэзрэталий ЩыIэу пIэрэ адэ-анэр фIыуэ зымылъагъу е абыхэм я гум ежэлIэн псалъэ жагъуэ езыпэсыф бын?! Хьэуэ, щыIэн хуейкъым апхуэдэ! Мы дуней псом тету пIэрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зиIэ нэгъуэщI цIыху! ЯлъэкIамэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым абыхэм. ДэкIамэ, къыдэмыхьэжын къафIощI, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнкIэ шынэу мэпсэу. Анэр уи щIыб къыдэтыху, сыт хуэдэ ныбжьым уитми, усабийщ. Ар ущимыIэж дакъикъэм зеиншафэ къыптоуэри, уи гъащIэри уи дунейри нэгъуэщI мэхъу. Ауэ сэ сыхуейкъым гъащIэм и дахэ, и IэфI псори анэм и закъуэ еспхыу, адэр абы къыкIэрызгъэхуну. «Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжым. Апхуэдэу жаIэ щхьэкIэ, адэ зыщхьэщымытыжу къэтэдж сабиймрэ адэ-анэм я куэщI къитэджыкIа бынымрэ зэи зэщхь хъуркъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу зи адэ-анэм, нэхъыжьхэм емыдэIуэжхэр зэрыщыIэри. Ахэр гущIэгъуншэщ, фIыщIэмыщIщ. Дауэ пщыгъупщэн хуей анэм и хьэкъ зэрыптелъыр? Жэщ-махуэ имыIэу узэрихьащ, и зэманри узыншагъэри уэ къыптригъэкIуэдащ. УмэжалIэмэ, ерыскъы къыпхуигъуэтырт. Уэ ущыжейми и нэбдзыпэ къемыхыу къыпщхьэщысащ ар. Зыгуэр къыпщыщIамэ, зи цIэ къипIуэр арат. Адэри псэуащ къыптегужьеикIауэ. Ар къыщIыхьэжамэ, дуней гуфIэгъуэр уиIэт, и нэгур къыпхуигъэзамэ, и куэщIыр тIысыпIэ пщIырт. Апхуэдэурэ гъащIэр екIуэкIырт. ГъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ, жыжьэ дыщыплъэурэ ди псэм и гъунэгъу цIыхухэр тIэщIокI. ДэкIуеигъуэ зиIэм ехыжыгъуи къыпэщылъщ, ауэ дэ абы и чэзум дегупсысы-фыркъым. Мис апхуэдэурэ зи псалъэхэр, зи ущиехэр гъуазэ схуэхъуа си адэ-анэу Къуэныкъуейхэ Сэфарбийрэ Iэминатрэ сIэщIэкIащ. Ахэр сэ зэи си гум ихуркъым, сытым дежи си нэгум щIэтщ, я псалъэ IэфIхэр сщыгъупщэркъым… НобэкIэ уи адэ-анэр къыпщхьэщытмэ, абыхэм я арэзыныгъэ къэблэжьыну пхузэ- фIэкIынущ. А Iэмалыр зыIэщIумыгъэкI. ГъэзащIэ уи адэ-анэм я хьэкъыр! Арыншамэ, уIэбэ-мэ улъэIэсыжынкъым. ТЫГЪУЭН Залинэ, КъБКъУ-м и студенткэ. Дэ къытхуатх ЩIэблэм игъэгушхуэ Гындыгъу Жаннэ ЦIыхур плъыфэбэу къетхэкIа гъащIэм зэрыхэбакъуэу, фIыгъуэ мылъытэу абы гуэгъу хуещI Анэр. Псалъэ дахэрэ гуапэу абы сыт хуэдиз хужамыIами, «анэ» псалъэм псори фагъуэ щIохъукI. Сыт хуэдэ пщалъэкIэ къэппщыфыну анэм и щIэблэм яхуиIэ лъагъуныгъэр?! Уафэгум ит дыгъэр къызэрыдэтэ хуабагъэр цIыхуфэм къехуэбылIэмэ, цIыхугур зыгъэхуэбэфу щыIэр анэгум кърих нурырщ. Мазэм и къару лъэщым ефIэкIыжу анэм и нэгу итлъагъуэ нэхугъэри апхуэдабзэщ. Лъытэгъуейщ дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи лъапIэу къигъэщIа Анэм и зэфIэкIыр, къэпщытэгъуейщ ди гъащIэм абы щиубыд увыпIэм и инагъыр. Мис апхуэдэ лъэщыгъэ телъыджэ, къару мыкIуэщIыж, зэфIэкI щIэншэ, лъагъуныгъэ мыужьыхыж зи щIэблэм яхузиIэ анэ гумащIэщ Алътуд къуажэ щыпсэу Гындыгъу Жаннэ. Абы «анэ» псалъэр зэрекIупсым къыдэкIуэу, а псалъэм къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори адыгэм «ухуемыплъэкIыж» жыхуиIэм ещхьу егъэзащIэ икIи къохъулIэ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм тепщIыхьмэ, анэрщ щIэблэ гъэсэным и гъури и цIыни нэхъыбэу къэзыпщытэр, зи пщэ къыдэхуэр. А Iуэхугъуэр Жаннэ къызэрехъулIэм хуэдэу къызэхъулIэ анэ нэхъыбэ диIамэ, нэгъуэщI щыIэт?! ФIым и курыхыр къыхэкъузыкIауэ зи щIэблэм я пащхьэ изылъхьэ анэхэм ящыщщ Жаннэ. Абы и зы щапхъэщ Жаннэ и бынхэм псоми яхуэфIыпсрэ екIупсу яхуригъэд адыгэ фащэр — ди лъэпкъ дамыгъэр. «Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ» псалъэжьыр Жаннэ и унагъуэм хуэпхь хъуну къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ бзылъху-гъэм и мурад псори, щапхъэ зытехыпхъэ и щIэблэ гъэсэкIэри абы и закъуэу къемыхъулIэнкIи хъунт и щхьэгъусэ Алим мыхъуа-мэ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхуаку дэлъ пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIым, зэгурыIуэм щIапIыкI я щIэблэр нобэрей гъащIэм хэзэгъауэ, зыхэтым фIагъкIэ, щэныфIагъкIэ, IэдэбагъкIэ къахэщу щыплъагъукIэ, уемыхъуэпсэн плъэкIыркъым. Алимрэ Жаннэрэ щIалитIрэ хъыджэбзитхурэ яIэщ. Нэхъыжьищым ехъулIэныгъэкIэ курыт еджапIэри еджапIэ нэхъыщхьэри къаухауэ я лэжьыгъэм иролажьэ. НэхъыщIиплIыр иджыри курыт еджапIэм щIэсщ. Я хъыджэбз нэхъыжьыр унагъуэщ. Я щIэблэм къарурэ гуащIэу ирахьэлIэр зэрызыхащIыкIыр щалъагъукIэ, абы я лъэр нэхъри егъэжан, дамэ къатрегъакIэ зэщхьэгъусэхэм. ГъащIэр къазэрыхуэупса насып лъа-пIэм гухэхъуэгъуэ мылъытэ къарет зэщхьэгъусэхэм. Алимрэ Жаннэрэ я уна- гъуэ дахэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ «Унагъуэм и илъэс», «Унагъуэм и махуэ» зэхыхьэхэм. Апхуэдэ гулъытэ республикэми районми къызыхуагъэфащэ унагъуэр зыщыщ къуажэми, зыхэс лъэпкъми, зыдэс хьэблэми пщIэ лей къыхуащI. Жаннэ зэрыанэ нэхъуеиншэм къыдэкIуэу, цIыху лъагъугъуафIэщ, унэгуащэ гуащIафIэщ, анэкъилъху щабэщ, анэшхуэ гума-щIэщ, гъунэгъу пэжщ, ныбжьэгъу телъыджэщ — цIыху Iумахуэщ. Анэм и махуэр хуэмахуэну, гъащIэмрэ дунеймрэ дапщэщи хуиIэ щIэщыгъуагъэм щIэ зыщIэмыт насып къыхудэкIуэну, «анэ» псалъэм и IэфIагъ псомкIи зигъэнщIу псэуну сыхуохъуахъуэ! КХЪУЭIУФЭ Рабия. Прохладнэ район Псалъэжьхэр Уэ пхуэдэ теткъым дунейм Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ. Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ. Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ. Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ. Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ. АнэIэм къуитыр IэфIщ. Анэ зимыIэ сабийр, адэ иIэми, ибафэщ. Анэм быныр и зэхуэдэщ. Быныр анэм и хъуахуэщ. Усыгъэхэр ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан Си анэм Сыщысабийрэ сэ си гум илъаи, Гукъеуэ ину ар сиIэу: КъытеIэбакъым си щхьэфэм сэ зэи АдэIэ щабэ жыхуаIэр. Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI, Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу, Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI, Зым щымыта сигъэудэIуу. …………………………… Джэдкъурт зи быным хуэсакъым нэхъей, Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ, Бадзэ си нэкIу тетIысхьауэ сыжейм, Уи гум псэхупIэ имыIэт. Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр, ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм, Хъуауэ дахагъэр уэ уигу пыкIыгъуей, УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр. Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ слъагъунщ, Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр, «Си псэкIэ» сэ укъызэджэу щытаи, — Анэм и быныр арщ и псэр. IУТIЫЖ Борис Анэпсэ Гупсысэм гупсысэ кърохъуэ… Гу узыр бгъэ узым йотIыхь… Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ… Быныпсэр анэпсэм йопщIыхь … Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ… Ар псатхьэщ… Ар тхьэхэм я тхьэжщ… А тхьэр тщхьэщытыхукIэ тхуэупсэу, Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ… Анэпсэр тщхьэщыкIмэ, итIанэ Нэхъ щIыIэу мо дыгъэри къопс… Уэ сытри бдэхуабэт, си Нанэ ЗэмыкIури зэкIу пщIыфу ушхэпст… Гъэ плIыщIыр хэщIауэ гъуэгуанэм, Сэ гъащIэм мыр хьэкъ къысщищIащ: Балигъ цIыхур щыхъур и анэр Дунейм щехыж махуэр аращ. ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер Мамэ Къалэм тхылъымпIэм зэрыхуэсхьрэ Пхуэстхыну усэ сыщIохъуэпс. … Сэ къыщысфIэщIми гуауэм сихьу — Ар имыуасэ уи зы нэпс. ГуфIэгъуэ иным сызэщIищтэу Сэ къыщысщыхъуми сылъэтэн,- Уи быным Iэнэ къыщыхуэпщтэм УиIэ гухэхъуэм пэслъытын? Быдзышэм щIыгъуу къысIурыплъхьа бзэм Сыхэщыпыхьу схьыми сэ, — Уэрэд Мы си гум убзэрабзэу Пхуиусым сфIощIыр хэмыт псэ. ЗэфIызотхъыжри ар — Аргуэру Уи гъащIэм хуэфэщэн уэрэд ХуэбампIэу Си гурыщIэр уэру Къоу сигуми — Ари сщохъур нэд. КъысхуигъэтIасэркъым си усэм: Махуэл уи гъащIэм зэ щумыщI, Уэ зебгъэщIауэ зыбгъэпсэхуу Слъэгъуакъым, сохъури илъэс плIыщI. Сыщыгъуэлъыжми я нэхъ кIасэу, Сыжеижыху укъысщхьэщытщ, Сыкъыщытэджми я нэхъ пасэу, Жьэгум ущIэпщэу упэрытщ. … Иджы, си гугъэр хэсхыжауэ, УсакIуэу мы дунейм тетам Щытар я анэм хуаусауэ Зэхузохьэсри — Мы сигу плъам А уэрэд псори зэпелъытыр, — Зэм хохъуэр си гур, Зэми — хощI: Тхыгъэ нэхъыфIу ахэм хэтри Уи закъуэ пхуауса къысфIощI. КЪАГЪЫРМЭС Борис Си анэм деж Шхын IэфIхэр Iэнэм къытеплъхьауэ, Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ. Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ, УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс. «КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ, си щIалэ, — ЖыбоIэ, — плъагъукъэ, жьы сыхъуащ. Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр, ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ… Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на, къэзбжыр?.. Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ, Згъэбыдэжынщ ди джэдэщыбжэр», — Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ. Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ, Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар. Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ, УзмыщI уи гугъэми хъымпIар. Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ… Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр, Мис, ноби уэ сурихьэщIащ. Уэ пщIэркъэ — гъащIэр жьапщэ инщи, Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь, ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи, Зэбгъэдырес, жьы хъуар гуэныхьщ». Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу, ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI пIейтей. ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм». Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ, Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс. ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ. Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.
Си ныбжьэгъум хуэдэ цIыху,
КъыщIэкIынкъым зыми фцIыху.
Сыщымытхъу сэ, сигу къэмыкI
ЩыпхуищIэн къэхъунщ плъэмыкI!
ЦIыху джэлауэ къилъэгъуа,
Мэгузавэ, дауэ хъуа?
Носри ар къегъэтэджыж,
ФIыщIи щытхъуи пымылъыж.
Уэ машинэр зэIына?
Е уи шэрхъ зыгуэр фIэна?
НапIэзыпIэм уи деж къос,
И Iуэхутхьэбзэр къыплъоIэс.
Хун хуейм Iэхъуэм уи жэмыщIэр,
Пхудихунщ, къэсынщи псынщIэу.
Пщхьэрихам уи пыIэр жьым,
Пхъуэнщи къыпхуиубыдыжынщ.
Мис апхуэдэщ си ныбжьэгъур,
Хэти и дэIэпыкъуэгъур.
09.01.2007
Насыпыншэ
ФакъырэIус къыхихыу зы лIыжь гъуэгу Iуфэм Iутти, шууэ блэкI щIалэм зыкъригъэзыхри, лIыжьым нэмыплъ къриту, и нэкIур щIопщкIэ къыхурихулэкIащ:
— НасыпыфIэ ухъу! — жиIащ лIыжьым, шууейм кIэлъыплъурэ.
А псори зылъэгъуа нэгъуэщI щIалэм зэхихар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу: «Къуршыр уи тэмакъщ», — жиIащ.
— Хьэуэ, — педзыж абы и псалъэхэм факъырэм, — а шууейр насыпыфIэу щытамэ, апхуэдэ хабзэншагъэ IэщIэщIэнутэкъым…
ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ…
Махуэ нэщхъей уэлбанэрилэхэм ящыщ зым ПIытIэкIэ зэджэ щIалэ цIыкIур уэшхым унэм «щIиубыдати», и щхьэ здихьын имыщIэу и адэм и хъуреягъыр къиуфэрэзыхьырт. ПIэщIэгъуэкIэ тхыгъэшхуэ зытхын хуей адэм, и бын пажэм Iэмал лъэпкъ щыхуимыгъуэтым, куэду зэтелъ тхылъымпIэхэм дунейпсо картэр зэрыт сурэтыр къахихщ, цIыкIу-цIыкIуу зэфIитхъри, къуэм иритащ, псори зэрыщытауэ зэхигъэувэжыну унафэ хуищIри.
Пэжу, къалэныр тыншхэм ящыщтэкъым, ауэ адэм зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым дакъикъипщI нэхъ тримыгъэкIуадэу щIалэ цIыкIум ар щызэхигъэувэжам.
— Ар дауэ? — игъэщIагъуэу щIоупщIэ адэр.
— Зыри гугъу хэлътэкъым, — къикIуэтыркъым щIалэ цIыкIури.
— Уэ къызэпта дунейпсо картэм и щIыбагъымкIэ цIыху сурэт тетти, мис а цIыху сурэтыр зэпкърыслъхьэжу напэкIуэцIыр къызэзгъэдзэкIыжа иужь дунейри зэтес хъужащ. Лэжьыгъэм щыщIэздзэм сегупсысащ, цIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтес зэрыхъунум.
Адэр пыгуфIыкIри, къуэм щабэу Iэ дилъащ.
«ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтесщ», — куэдрэ щыкIэрэхъуащ адэм и щхьэм, аращ и тхыгъэм фIищари.
Ныбжьэгъу пэж
Игъашхэу, илъэс куэдкIэ зыхуей хуэзыгъазэу псэуа лIыр щылIэм, хьэри бгъурыгъуалъхьэри, и псэр хэкIащ.
Аращи, уафэм щызэрихьэлIэжа пситIыр «Жэнэт» зытетха куэбжэшхуэм Iутщ, абы и бгъумкIэ «Хьэ уи гъусэу удэмыхьэ» жиIэу нэхъ иныжу тетхэжащ. Арати, цIыхур псэухукIэ и хъуэпсапIэ жэнэтым мыкIуэу, и бгъумкIэ блэкIри, хьэмрэ езымрэ гъуэгу техьэжащ.
КIуэм-кIуэурэ, нэгъуэщI зы куэбжи IущIащ, мыбы тетхаIакъым, ауэ зы лIыжь дыдэ и бгъумкIэ щысти:
— Ди адэ, къысхуэгъэгъу, мы куэбжэр сыт зейр? — жиIэри еупщIащ.
— Жэнэтым, — и щхьэр Iэтауэ къет жэуап лIыжь цIыкIум.
— Абы хьэ пщIыгъуу удагъэхьэну?
— Ауэ сытми удагъэхьэну!
— ИпщэкIэ щыт куэбжэр сыт-тIэ зищIысыр?
— Жыхьэнмэщ. Зи ныбжьэгъу хыфIэзымыдзэхэрщ жэнэтым дагъэхьэр.
ФIыр зэи кIуэдынукъым
И дерс купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа егъэджакIуэр махуэ гуэрым студентхэр зыщIэс пэшым щIыхьэщ, сом щитху иIэтри: «Мы ахъшэм хуей къыфхэтмэ, изот», — щыжиIэм, пэшым цIыхуу щIэсым я Iэр яIэтащ.
— Ар фэстын и пэ къихуэу, — жиIэри егъэджакIуэм ахъшэр зэкIуэцIиушкIумпIащ. — Иджыри мы ахъшэм хуей къыфхэт? — къытрегъэзэж абы и упщIэм. Аргуэру псоми я Iэр яIэтащ.
«Арамэ», — жеIэри, ахъшэр хыфIедзэ, вакъэкIэ и гущIыIум йоувэж. ЕгъэджакIуэм къещтэж ахъшэ фIей ныкъуэчатхъэр, ушкIумпIар. «Иджыри зэ сынывоупщIыж, мыбы хуей къыфхэт?». ЗэгурыIуа хуэдэ, псоми я Iэр къаIэт.
— Ныбжьэгъу лъапIэхэ, — кърегъажьэ егъэджакIуэм, — фэ иджыпсту гъащIэм и дерс нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы нэрылъагъу фщыхъуащ. Сыт езмыщIами, мы ахъшэм фэ фщыщ дэтхэнэри хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыфIеи щыкъабзи, ахъшэм и мыхьэнэм зихъуэжакъым, ар зэрысом щитхуу къэнэжащ. ГъащIэм куэд дыдэрэ къытхуохуэ гублащхьэм дыкъыщехуэх, дыщыхаутэ, дыщыхагъащIэ. Ауэ уи фIыр зэи кIуэдынукъым. ФIыуэ укъэзылъагъухэм я дежкIэ уэ улъапIэщ.
Щэху
ЗэгъунэгъуитI псэурти, зым сыт щыгъуи псалъэмакъыр я унэм имыкIрэ зэщхьэгъуситIыр зэгурымыIуэу екIуэкIырт, адрейр зэгурыIуэрэ зэдэIужти, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал зимыIэт.
Гъунэгъум ефыгъуэкIа фызым и щхьэгъусэр къегъэIущ:
— КIуэи къащIэт, сыту пIэрэ абы апхуэдизу зэрахьэр, я унагъуэм зэгурыIуэр щытепщэ зэпыту щытын папщIэ.
Гъунэгъум екIуэкIауэ, лIыр щэхуу якIэлъоплъ. Унэгуащэм унэлъэгур къилъэщIурэ пщэфIапIэмкIэ тригъэувар игу къэкIыжри, абыкIэ епIэщIэкIыу щIыхьащ. Щхьэгъусэр унэм къыщыщIыхьэжым, псы зэрыт пэгуным гу лъимытэу, фIэнэри, ирикIутащ.
Унэгуащэм ар щилъагъум:
— Къысхуэгъэгъу си псэ, сэращ къуаншэр.
— ЖыпIэр сыт, нэ сиIамэ, гу лъыстэнт, сэращ къуаншэр, — жи лIыми и фIэщыпсу.
А псом кIэлъыплъа лIым игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ унэм кIуэжащ. ЗдэкIуэжам фызыр къыщIэнакIэ щIыкIэу щIоупщIэ:
— Сыт, уздэщыIам щыплъэгъуаIа?
— Уей, щыслъэгъуам, — къет жэуап лIым, и щхьэр ирихьэхарэ и пыIэ тIэкIур IэкIэ икъузу.
— Сыт-тIэ, — тепыIэжыххэркъым щхьэгъусэр.
— Псори гурыIуэгъуэщ! Дэ ди унэ псори щызахуэщ, абы я деж псори щыкъуаншэщ.
Конкурс, объявленный среди учащихся 9-11 классов, оказался разнообразен географически, участвовать в нем съехались 160 ребят, причем не только из нашей республики, но и из Карачаево-Черкесии, Адыгеи, Ставропольского края. Основная часть прошла в Национальной библиотеке имени Т. К. Мальбахова, где старшеклассники писали очное сочинение.
«Были предложены десять ключевых слов, из которых ребята выбирали те слова, которые они могли бы обыграть, развить и изложить в своих сочинениях. Никаких ограничений не было», – пояснил корреспонденту РИА «Кабардино-Балкария» Мурат Табишев, руководитель ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы имени Кази Атажукина.
Он добавил, что конкурс получился интернациональным, участие в нем приняли и представители других национальностей, изучающих адыгэбзэ.
За каждое место ребята получат денежные призы, а те счастливчики, кто получил первое место в любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази Атажукина в течение всего года. Помимо этого любой участник конкурса, при условии поступления на факультет черкесского языка, в течение двух лет будет получать вышеназванную стипендию.
«Объявление конкурса вызвано желанием стимулировать интерес к изучению своего языка среди подрастающего поколения. Сочинения были оригинальны каждое по-своему, умение изъяснять художественно оформленную мысль среди молодых людей радует, и если среди конкурсантов найдутся желающие поступить на факультет черкесского языка, наша миссия будет выполнена. Во время конкурса о таком желании заявили уже семь человек», – сказал Мурат Табишев.
Ассоциация имени Кази Атажукина действует уже на протяжении двух лет, выявляя талантливых подростков и поддерживая интерес к изучению родного языка.
© РИА «Кабардино-Балкария», 2014
Синэнэ 1эш1оу синэнэ к1асэм
Сэ къыс1уилъхьагъэр сиадыгабз.
Сыдэу тхьар еуи зыбзэ к1осагъэм,
Лъэпкъым ынапэр иныдэлъфыбз.
Нэхэе Р.
Сыбзэ – си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм имэкъамэмэ дунаим хащэ. Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз. Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан. Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр, ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ егъэбагъо, ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ лъэпкъым фэ1орыш1э.
Синыдэлъфыбзэу сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у, псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы, жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу. Сиадыгабзэ дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу къырэк1офэ къинэу ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх. Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан хьылъэхэм ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ. Сэ насыпыгъэшхоу сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу тиадыгэ шъолъыр дахэ къызэринагъэхэр. Сафэраз сыфитэу тыбзэк1э дунаим идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ 1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм тыфещэ. Синыдэлъфыбзэ лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ. Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп. Емык1ушхуи умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ, дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы. Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о. Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э адыгабзэр къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр! Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!
Стрикачэу Аид я 6-рэ А классым ис еджак1у
2014-рэ илъ.
Сочинение ц1ыфэу щысэ къысфэхъурэр.
Сабыир иц1ык1угъом щегъэжьагъэу нахьыжьмэ ак1ырэплъы, нахьыжъхэр ищысэтехып1эх. Ц1ыфэу щысэ сфэхъугъэмэ ащыщ адыгэ тхэк1ошхоу К1эрэщэ Тембот. Ащ ытхыгъэ произведениехэр адыгэ прозэм лъапсэ фэхъугъэх. Ащ ирассказхэм, иповестхэм, ироманхэм ц1ыф жъугъэхэр яджэх. Ахэмэ ащыщхэр бзэ зэфэшъхьафхэмк1э – урысыбзэк1э, чехыбзэк1э, тыркубзэк1э къыдэк1ыгъэх. Ижъык1э къыщегъэжьагъэу адыгэхэм къарык1уагъэр, шъхьафитныгъэ банэу лэжьак1охэм аш1ыщтыгъэр ипроизведениехэу «Шыу закъу», «Шапсыгъэ пшъашъ», «Абдзэхэ шэк1ожъыр», «Хьаджырэт» зыфи1охэрэм ык1и нэмык1хэм уз1эпащэу, гъэш1эгъонэу К1эрэщэ Тембот къащигъэлъэгъуагъ. Ащ ытхыгъэмэ литературэм иурокхэм нэ1уасэ тащыфэхъу, игеройхэр тищысэ техып1эх. Писателым ирассказхэм, иповестхэм сяджэнэу сик1ас.
Сэри ащ иповестэу «Шапсыгъэ пшъашъ» зыфи1орэм игерой шхьа1эу, хэтрэ пшъашъи зыфэдэнэу фаеу, Гулэз сищысэтехып1. Гулэз – 1уш, губзыгъ, гулъытэ чан и1. Ащ иш1уагъэрэ изэхэш1ык1ырэк1э чылэм дэс пшъашъэмэ къахэщыщтыгъэ. Ыц1э зэрэ1ущтыгъэр дэн-бзэн 1эпэ1эсагъэу хэлъыгъэхэр ары. Идэхагъэк1э пшъашъэмэ къызэрахэщыщтыгъэм фэдэу, шъуашэу ы1апэ къык1эк1ырэри ц1ыфмэ аш1эжьэу гъуащэщтыгъэп. Пшъашъэм ыц1э дэгъугъэк1э зы1угъэ уж, ащ ыдыгъэ щыгъыныр зыщыгъымк1э ц1ыфыгъэ нэшанэу алъытэу, щытхъу шъуашэу зыфалъэгъужьэу хъугъэ. Гулэз къызэрэхъухьэгъэ унагъор мэкъумэщыш1э унэгъуагъ, фэш1ыгъэк1э алъытэрэ унагъомэ ащыщыгъ. Анахьэу Гулэз къэзгъэдахэщтыгъэр иакъыл ичаныгъэрэ ишэныш1уагъэрэ иш1ык1э дахэ аголъыжьэу зэрэщытыгъэр ары. Ащ и1ушыгъэ зэк1эми къахэщыщтыгъэ: и1ок1э-ш1ык1эхэм, изек1уак1эхэм, джэгум Хьатх Мыхьамэт джэуапэу щыритыгъэм.
Мы повестым игерой шъхьа1эу Гулэз сыгу ч1ып1эшхо щеубыты, лъэшэу сыгу рехьы, ар сищысэтехып1, ащ фэдэ сыхъунэу сыфай. Мыщ иобраз, тэ ныбжьык1эхэм, 1эдэб тхэлъыным, ц1ыфыгъэм, шъхьэк1эфэныгъэм, 1ушыгъэм тафегъасэ.
Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
Къанкъул Ф I ыц I э.
Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
Адыгэ литературэ
3 – нэ класс
КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
I920
Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
I927-I933
БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
I934-I936
Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
I936
Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
I940
Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
I94I
I948
Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
I95I
Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
I950
«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
I955
«Сэлам» усэ тхылъыр.
I957
«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
I958
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
I966
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
4. Словарнэ лэжьыгъэ:
Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ
Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
6. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.
Зэгъэпщэныгъэхэр:
« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
Къэгъэпсэуныгъэхэр:
«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
Эпитетхэр:
«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
7. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.
Гъыщ Хьамед я 6-рэ классым ис еджак1у
2012-рэ илъ.
ТЕМЭР: «ТХЫЛЪЭУ СЫЗЭДЖАГЪЭМ СИШIОШЪ КЪЕСЭIУАЛIЭ».
Сэ бэ мыш1эу «Адыгэ пшысэхэр» зыфи1орэ тхылъым седжагъ. Ар лъэшэу сыгу рихьыгъ. Пшысэхэр – адыгэ 1оры1уатэмэ ащыщых. Ижъык1э къежьагъэу щытых. Ахэр жэ дэхьэ-дэк1хэу, зым зым фи1отэжьхэзэ джырэ лъэхъан къынэсыгъэх. Сиц1ык1угъом щегъэжьагъэу пшысэмэ сафэщагъ. Джыри еджак1э сыфмыш1эзэ мыхэмэ бэрэ сянэжъ къысфяджэщтыгъэ. Ау джы сэр-сэрэу зэк1эми сяджагъ. Анахьэу пшысэхэр сыгу зэк1ырихьыхэрэр к1эух дэгъу зэря1эр ары. Мыхэмэ сыдигъуи ш1ур ем тек1о.
Анахь сш1огъэш1эгъонэу пчъагъэрэ к1эсыджык1ыжьыгъэр «Гъулацый» зыфи1орэ пшысэр ары. Мыщ ч1ып1эшхо щызыубытырэр герой шъхьа1эу хэтыр ары. Ар Гъулацый. Гъулацый ц1ык1у, зэк1эми анахьык1, зэк1эмэ атек1онэу къарыу и1эп, ау акъыл чан и1, ы1орэр илэгъумэ арегъаш1э, ыш1эрэм тырегъахьэх, тхьагъэпц1ы, сыд фэдэрэ къин ыпэк1э къик1ыгъэми ш1эхэу хэк1ып1э къыфегъоты, къарыук1э зыфыримыкъурэм тхьагъэпц1ыгъэк1э дэзек1о. мыр зыфэдэр зэк1э и1к1э-ш1ык1эхэм ахэтэлъагъо: ар к1элэц1ык1ухэм ягъусэу мэзым зыхэгъощыхьэм, чэщыр щырахынэу гъолъып1э къафигъотын ылъэк1ыгъ, ащ нэгъуч1ыцэ ныом иунэ к1элэц1ык1ухэр тххьагъэпц1ыгъэк1э къырищыжьынхэ ылъэк1ыгъ, ежьыри тхьагъэпц1ыгъэк1э къы1эк1эк1ыжьи мылъкоу и1эри къыз1эк1игъэхьан ылъэк1ыгъ, нэгъуч1ыцэми ифэшъуашэ ригъэгъотыгъ. Адрэ пшысэмэ афэдэу мыщи ш1ур ем щытек1о. Сэ пшысэхэр лъэшэу сыгу рехьых, сяджэ зэпытыгъэк1и сязэщыщтэп.
Хэт щыIэн уэр нэхърэ нэхъ гумащIэ, Псэ хьэлэл зыIут, нэхъ гъащIэ мащIэ?..
Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — анэм — и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м нэ-сащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жыла- гъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.
Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, анагъэм и лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, абы и къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.
КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу абрагъуэщ «анэ» псалъэм и мыхьэнэмрэ щIэлъ гурыщIэмрэ. Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Абы и сабийм хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI. Апхуэдизу быныр зи хъуахуэ анэм хуэфэщэн гулъытэ щыхуэдмыщIи къохъу. УсакIуэми гу зэрылъитащи, «жьэгу мафIэм хуэдэ анэ лъагъуныгъэр куэдым къыщалъыхъуэ-жыр щIыIэм щисым дежщ». Дахущывгъэт ди анэхэм гумащIэу, ди псалъэ гуапэрэ дахэрэ хуремыныкъуэ ахэр.
Быным я дунейр яхуэзыгъэнэху, я гъащIэр яхуэзыгъэIэфI анэ псоми дохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абы-хэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымыщIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къахуихъумэ.
Къардэн Маритэ.
Щапхъэ
И гум и хуабагъэр быным дапщэщи ялъоIэс
Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр хуэгъэзащ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэс Быгуэ (Мэшыкъуэ) Хьэлимэт. Анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, щхьэгъусэ пэжым, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэм гъащIэм щызыхуигъэувыжа къалэнхэм дапщэщи я нэхъыщхьэ дыдэт быным я акъылымрэ гупсысэмрэ убзыхуныр, ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ къыщIэгъэтэджэныр, хьэл дахэрэ щэн екIурэ яхэлъхьэныр. Абыхэм Хьэлимэт къызыхуэтыншэу япэлъэщауэ жыпIэ хъунущ.
Хьэлимэт 1941 гъэм Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуу ар къахуэнащ и адэшхуэ-анэшхуэм икIи ахэращ, зэрыжаIэу, «псым ирамыгъэхьыу, мафIэм ирамыгъэсу» къэзыгъэтэджар. Хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэри къыхэзылъхьар адэ-анэ папщIэу къыщхьэщыта а нэхъыжьыфIхэращ. Хъыджэбзыр къэхъуащ жыIэщIэу, Iэдэбу, нэмысыфIэу, тхылъ фIыуэ илъагъуу, еджэным щыпэрыту. Курыт школыр фIы дыдэу 1969 гъэм къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Хьэлимэт хущIэкъуащ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хигъэхъуэну икIи КъБКъУ-м и биологие къудамэм щIэтIысхьэну хуеящ. Ар къыщемыхъулIэм адэшхуэ-анэшхуэм я деж игъэзэжащ, и хъуэпсапIэр етIанэгъэ зригъэхъулIэну и мураду.
ГъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ, уэ зэрыжыпIэуи псори хъуркъым. КъыкIэлъыкIуэ гъэмахуэм Хьэлимэт къыпэплъэр нэгъуэщIт: ар унагъуэ ихьащ, Быгуэ Машэ и къуэ Iэбубэчыр щхьэгъусэу игъуэтащ. Адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, бзылъхугъэм пщIэ щыхуащIт Быгуэхэ я унагъуэр. Хьэлимэт пхъу пэлъытэ яхуэхъуат и тхьэмадэ Маши и гуащэ Къэралхъани. НысащIэ цIыкIуми ахэр япищIырт псэкIэ нэхъ пэгъунэгъуу иIа и адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ. ПщIэрэ нэмысрэ яхуищIу, я гумрэ я псэмрэ дыхьэу ядэпсэуащ Хьэлимэт гуащэ-тхьэмадэм. Ахэр сымаджэ щыхъум, хулъэкI псори яхуищIащ, и къаруи зэмани емыблэжу.
Къэзылъхуахэм ящхьыу цIыху щыпкъэу, гъэсэныгъэ екIу бгъэдэлъу апхуэдэщ Iэбубэчыри. КъБКъУ-м зоотех-ник IэщIагъэр щызригъэгъуэта нэужь, IэнатIэ хъарзынэхэр иIыгъыу куэдрэ лэжьащ. Ар щытащ Сэрмакъ къуажэм щызэхэт хозяйствэм и зоотехник нэхъыжьу, жылэм и парт зэгухьэныгъэм и пашэу, хозяйствэм и унафэщIым Iэщ гъэхъунымкIэ и къуэдзэу.
Зэщхьэгъусэхэр илъэс 46-рэ хъуауэ зэдопсэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, «зым Iэпыхур адрейм къищтэжу» жыхуаIэм хуэдэу. Быгуэхэ я унагъуэр хъуащ лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIымрэ зэхуэгъэкIуатэмрэ я лъахэ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрыт и щхьэгъусэм Хьэлимэт зэрыхъукIэ щхьэщихащ унагъуэ Iуэхухэри быныр пIыным, гъэсэным, егъэджэным епха къалэнхэм ящыщ куэди. Абыхэм къадэкIуэу ар езыри илъэс 20-м нэскIэ щылэжьащ Налшык дэт дэрбзэр фабрикэм Сэрмакъ щиIа къудамэм, и къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу игъэзащIэу.
Лэжьыгъэми унагъуэ Iуэхухэми ирагъэшми, анэм и хуабагъэ зымылъа- гъуу къэтэджа бзылъхугъэр быным яхуэупсэфащ и псэ къулеягъымкIэ, лъагъуныгъэ инымкIэ, гулъытэмрэ зэхэщIыкIымкIэ. Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ зэдагъуэта я бынитхуми зэхащIыкIащ адэ-анэр, абыхэм къыхуаIа хъуэпсапIэхэр нахуапIэ ящI. Дэтхэнэми курыт школыр фIы дыдэу къиухащ, дыщэ медалхэр зыхуагъэфэщахэри яхэту. Быным я нэхъыжь Ларисэ и IэщIагъэкIэ доху-тыр-эндокринологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Ар пщIэ хуа- щIу хагъэхьащ Европэм и дохутыр- эндокринологхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ Альберти дохутыр IэщIагъэр къыхихащ. Альберт республикэ сымаджэщым и хирург Iэзэщ, и IэзагъымкIэ категорие нэхъыщхьэ иIэщ. Быным я ещанэ Людмилэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ я егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. «Лэгъупыкъу» сабий центрым и унафэщIым и къуэдзэщ щIалэхэм я етIуанэ Анзор. Быным я нэхъыщIэ Алим и IэщIагъэкIэ инженерщ. Ларисэрэ Альбертрэ унагъуэ дахэ яухуащ, я адэ-анэр я щапхъэу.
ЖыпIэнурамэ, зэщхьэгъусэхэм яхузэфIэкIащ я сабиитхум ящыщ дэтхэнэ- ри цIыху нэсу ягъэсэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтын. Бын пIыным щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ Быгуэхэ я унагъуэм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ район, щIыпIэ администрацэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Унагъуэм и махуэм ирихьэлIэу абыхэм къахуэупсащ Зэхуэпэжыныгъэм, лъагъуныгъэм и дамыгъэмкIэ. Хьэлимэт къратащ «Анэм и щIыхь» медалым и 2-нэ нагъыщэр. Апхуэдэ нэхъыжьыфIхэр зи щIыбагъ къыдэт бынми я гур хохъуэ. Анэпсэрэ адэпсэу дунейм тет абыхэм я дежкIэ гъунэ зимыIэ фIыгъуэщ анэм и псалъэ IэфIхэр, адэм и ущие Iущхэр, насыпым ухуэзышэ гъуэгу кIыхьщ а нэхъыжьыфIхэм хухаш лъагъуэр.
ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу къызэдекIуэкI унагъуэ лъэщым и хъумакIуэхэм, пщIэшхуэрэ нэмысрэ зяку илъу быныфIи зыгъэса Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу!
Бзылъхугъэ гумащIэ Хьэлимэт хэ-хауэ дохъуэхъу Анэм и махуэ лъапIэмкIэ. «Анэпсэр ар псынэщ», — жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. ИремыгъущыкI а псынэпс къабзэр — быныпсэм къару яхэзылъхьэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Дыкъэзылъхуахэм я хьэкъ
Адэ-анэ хьэкъыр игъэзэщIэжауэ,
Ехыжакъым мы дунейм зы цIыху.
Зэрытпшыныжынур ар тщIэжамэ,
ГъэзэщIэныр зырикIт, ар мыIуэхут.
Балэ Хьэзрэталий
ЩыIэу пIэрэ адэ-анэр фIыуэ зымылъагъу е абыхэм я гум ежэлIэн псалъэ жагъуэ езыпэсыф бын?! Хьэуэ, щыIэн хуейкъым апхуэдэ! Мы дуней псом тету пIэрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зиIэ нэгъуэщI цIыху! ЯлъэкIамэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым абыхэм. ДэкIамэ, къыдэмыхьэжын къафIощI, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнкIэ шынэу мэпсэу.
Анэр уи щIыб къыдэтыху, сыт хуэдэ ныбжьым уитми, усабийщ. Ар ущимыIэж дакъикъэм зеиншафэ къыптоуэри, уи гъащIэри уи дунейри нэгъуэщI мэхъу. Ауэ сэ сыхуейкъым гъащIэм и дахэ, и IэфI псори анэм и закъуэ еспхыу, адэр абы къыкIэрызгъэхуну. «Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжым. Апхуэдэу жаIэ щхьэкIэ, адэ зыщхьэщымытыжу къэтэдж сабиймрэ адэ-анэм я куэщI къитэджыкIа бынымрэ зэи зэщхь хъуркъым.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу зи адэ-анэм, нэхъыжьхэм емыдэIуэжхэр зэрыщыIэри. Ахэр гущIэгъуншэщ, фIыщIэмыщIщ. Дауэ пщыгъупщэн хуей анэм и хьэкъ зэрыптелъыр? Жэщ-махуэ имыIэу узэрихьащ, и зэманри узыншагъэри уэ къыптригъэкIуэдащ. УмэжалIэмэ, ерыскъы къыпхуигъуэтырт. Уэ ущыжейми и нэбдзыпэ къемыхыу къыпщхьэщысащ ар. Зыгуэр къыпщыщIамэ, зи цIэ къипIуэр арат. Адэри псэуащ къыптегужьеикIауэ. Ар къыщIыхьэжамэ, дуней гуфIэгъуэр уиIэт, и нэгур къыпхуигъэзамэ, и куэщIыр тIысыпIэ пщIырт. Апхуэдэурэ гъащIэр екIуэкIырт.
ГъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ, жыжьэ дыщыплъэурэ ди псэм и гъунэгъу цIыхухэр тIэщIокI. ДэкIуеигъуэ зиIэм ехыжыгъуи къыпэщылъщ, ауэ дэ абы и чэзум дегупсысы-фыркъым. Мис апхуэдэурэ зи псалъэхэр, зи ущиехэр гъуазэ схуэхъуа си адэ-анэу Къуэныкъуейхэ Сэфарбийрэ Iэминатрэ сIэщIэкIащ. Ахэр сэ зэи си гум ихуркъым, сытым дежи си нэгум щIэтщ, я псалъэ IэфIхэр сщыгъупщэркъым…
НобэкIэ уи адэ-анэр къыпщхьэщытмэ, абыхэм я арэзыныгъэ къэблэжьыну пхузэ- фIэкIынущ. А Iэмалыр зыIэщIумыгъэкI. ГъэзащIэ уи адэ-анэм я хьэкъыр! Арыншамэ, уIэбэ-мэ улъэIэсыжынкъым.
ТЫГЪУЭН Залинэ,
КъБКъУ-м и студенткэ.
Дэ къытхуатх
ЩIэблэм игъэгушхуэ Гындыгъу Жаннэ
ЦIыхур плъыфэбэу къетхэкIа гъащIэм зэрыхэбакъуэу, фIыгъуэ мылъытэу абы гуэгъу хуещI Анэр. Псалъэ дахэрэ гуапэу абы сыт хуэдиз хужамыIами, «анэ» псалъэм псори фагъуэ щIохъукI. Сыт хуэдэ пщалъэкIэ къэппщыфыну анэм и щIэблэм яхуиIэ лъагъуныгъэр?! Уафэгум ит дыгъэр къызэрыдэтэ хуабагъэр цIыхуфэм къехуэбылIэмэ, цIыхугур зыгъэхуэбэфу щыIэр анэгум кърих нурырщ. Мазэм и къару лъэщым ефIэкIыжу анэм и нэгу итлъагъуэ нэхугъэри апхуэдабзэщ. Лъытэгъуейщ дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи лъапIэу къигъэщIа Анэм и зэфIэкIыр, къэпщытэгъуейщ ди гъащIэм абы щиубыд увыпIэм и инагъыр.
Мис апхуэдэ лъэщыгъэ телъыджэ, къару мыкIуэщIыж, зэфIэкI щIэншэ, лъагъуныгъэ мыужьыхыж зи щIэблэм яхузиIэ анэ гумащIэщ Алътуд къуажэ щыпсэу Гындыгъу Жаннэ. Абы «анэ» псалъэр зэрекIупсым къыдэкIуэу, а псалъэм къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори адыгэм «ухуемыплъэкIыж» жыхуиIэм ещхьу егъэзащIэ икIи къохъулIэ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм тепщIыхьмэ, анэрщ щIэблэ гъэсэным и гъури и цIыни нэхъыбэу къэзыпщытэр, зи пщэ къыдэхуэр. А Iуэхугъуэр Жаннэ къызэрехъулIэм хуэдэу къызэхъулIэ анэ нэхъыбэ диIамэ, нэгъуэщI щыIэт?! ФIым и курыхыр къыхэкъузыкIауэ зи щIэблэм я пащхьэ изылъхьэ анэхэм ящыщщ Жаннэ. Абы и зы щапхъэщ Жаннэ и бынхэм псоми яхуэфIыпсрэ екIупсу яхуригъэд адыгэ фащэр — ди лъэпкъ дамыгъэр.
«Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ» псалъэжьыр Жаннэ и унагъуэм хуэпхь хъуну къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ бзылъху-гъэм и мурад псори, щапхъэ зытехыпхъэ и щIэблэ гъэсэкIэри абы и закъуэу къемыхъулIэнкIи хъунт и щхьэгъусэ Алим мыхъуа-мэ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхуаку дэлъ пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIым, зэгурыIуэм щIапIыкI я щIэблэр нобэрей гъащIэм хэзэгъауэ, зыхэтым фIагъкIэ, щэныфIагъкIэ, IэдэбагъкIэ къахэщу щыплъагъукIэ, уемыхъуэпсэн плъэкIыркъым. Алимрэ Жаннэрэ щIалитIрэ хъыджэбзитхурэ яIэщ. Нэхъыжьищым ехъулIэныгъэкIэ курыт еджапIэри еджапIэ нэхъыщхьэри къаухауэ я лэжьыгъэм иролажьэ. НэхъыщIиплIыр иджыри курыт еджапIэм щIэсщ. Я хъыджэбз нэхъыжьыр унагъуэщ.
Я щIэблэм къарурэ гуащIэу ирахьэлIэр зэрызыхащIыкIыр щалъагъукIэ, абы я лъэр нэхъри егъэжан, дамэ къатрегъакIэ зэщхьэгъусэхэм. ГъащIэр къазэрыхуэупса насып лъа-пIэм гухэхъуэгъуэ мылъытэ къарет зэщхьэгъусэхэм. Алимрэ Жаннэрэ я уна- гъуэ дахэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ «Унагъуэм и илъэс», «Унагъуэм и махуэ» зэхыхьэхэм. Апхуэдэ гулъытэ республикэми районми къызыхуагъэфащэ унагъуэр зыщыщ къуажэми, зыхэс лъэпкъми, зыдэс хьэблэми пщIэ лей къыхуащI.
Жаннэ зэрыанэ нэхъуеиншэм къыдэкIуэу, цIыху лъагъугъуафIэщ, унэгуащэ гуащIафIэщ, анэкъилъху щабэщ, анэшхуэ гума-щIэщ, гъунэгъу пэжщ, ныбжьэгъу телъыджэщ — цIыху Iумахуэщ. Анэм и махуэр хуэмахуэну, гъащIэмрэ дунеймрэ дапщэщи хуиIэ щIэщыгъуагъэм щIэ зыщIэмыт насып къыхудэкIуэну, «анэ» псалъэм и IэфIагъ псомкIи зигъэнщIу псэуну сыхуохъуахъуэ!
КХЪУЭIУФЭ Рабия.
Прохладнэ район
Псалъэжьхэр
Уэ пхуэдэ теткъым дунейм
Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
АнэIэм къуитыр IэфIщ.
Анэ зимыIэ сабийр, адэ иIэми, ибафэщ.
Анэм быныр и зэхуэдэщ.
Быныр анэм и хъуахуэщ.
Усыгъэхэр
ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан
Си анэм
Сыщысабийрэ сэ си гум илъаи,
Гукъеуэ ину ар сиIэу:
КъытеIэбакъым си щхьэфэм
сэ зэи
АдэIэ щабэ жыхуаIэр.
Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI,
Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу,
Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI,
Зым щымыта сигъэудэIуу.
……………………………
Джэдкъурт зи быным
хуэсакъым нэхъей,
Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ,
Бадзэ си нэкIу
тетIысхьауэ сыжейм,
Уи гум псэхупIэ имыIэт.
Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр,
ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм,
Хъуауэ дахагъэр уэ уигу
пыкIыгъуей,
УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр.
Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ
слъагъунщ,
Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр,
«Си псэкIэ» сэ укъызэджэу
щытаи, —
Анэм и быныр арщ и псэр.
IУТIЫЖ Борис
Анэпсэ
Гупсысэм гупсысэ кърохъуэ…
Гу узыр бгъэ узым йотIыхь…
Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ…
Быныпсэр анэпсэм йопщIыхь …
Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ…
Ар псатхьэщ… Ар тхьэхэм
я тхьэжщ…
А тхьэр тщхьэщытыхукIэ
тхуэупсэу,
Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ…
Анэпсэр тщхьэщыкIмэ, итIанэ
Нэхъ щIыIэу мо дыгъэри къопс…
Уэ сытри бдэхуабэт, си Нанэ
ЗэмыкIури зэкIу пщIыфу
ушхэпст…
Гъэ плIыщIыр хэщIауэ гъуэгуанэм,
Сэ гъащIэм мыр хьэкъ
къысщищIащ:
Балигъ цIыхур щыхъур и анэр
Дунейм щехыж махуэр аращ.
ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер
Мамэ
Къалэм тхылъымпIэм
зэрыхуэсхьрэ
Пхуэстхыну усэ сыщIохъуэпс.
… Сэ къыщысфIэщIми
гуауэм сихьу —
Ар имыуасэ уи зы нэпс.
ГуфIэгъуэ иным сызэщIищтэу
Сэ къыщысщыхъуми сылъэтэн,-
Уи быным Iэнэ къыщыхуэпщтэм
УиIэ гухэхъуэм пэслъытын?
Быдзышэм щIыгъуу
къысIурыплъхьа бзэм
Сыхэщыпыхьу схьыми сэ, —
Уэрэд
Мы си гум убзэрабзэу
Пхуиусым сфIощIыр хэмыт псэ.
ЗэфIызотхъыжри ар —
Аргуэру
Уи гъащIэм хуэфэщэн уэрэд
ХуэбампIэу
Си гурыщIэр уэру
Къоу сигуми —
Ари сщохъур нэд.
КъысхуигъэтIасэркъым си усэм:
Махуэл уи гъащIэм зэ щумыщI,
Уэ зебгъэщIауэ зыбгъэпсэхуу
Слъэгъуакъым, сохъури илъэс
плIыщI.
Сыщыгъуэлъыжми я нэхъ кIасэу,
Сыжеижыху укъысщхьэщытщ,
Сыкъыщытэджми я нэхъ пасэу,
Жьэгум ущIэпщэу упэрытщ.
… Иджы, си гугъэр хэсхыжауэ,
УсакIуэу мы дунейм тетам
Щытар я анэм хуаусауэ
Зэхузохьэсри —
Мы сигу плъам
А уэрэд псори зэпелъытыр, —
Зэм хохъуэр си гур,
Зэми — хощI:
Тхыгъэ нэхъыфIу ахэм хэтри
Уи закъуэ пхуауса къысфIощI.
КЪАГЪЫРМЭС Борис
Си анэм деж
Шхын IэфIхэр Iэнэм
къытеплъхьауэ,
Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.
Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ,
УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.
«КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,
си щIалэ, —
ЖыбоIэ, — плъагъукъэ,
жьы сыхъуащ.
Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,
ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…
Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,
къэзбжыр?..
Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,
Згъэбыдэжынщ ди
джэдэщыбжэр», —
Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.
Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,
Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.
Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,
УзмыщI уи гугъэми хъымпIар.
Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр
ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…
Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,
Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.
Уэ пщIэркъэ — гъащIэр
жьапщэ инщи,
Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,
ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи,
Зэбгъэдырес, жьы хъуар
гуэныхьщ».
Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,
ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI
пIейтей.
ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду
Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм».
Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,
Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.
ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.
Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.